• https://www.facebook.com/%C3%87erkes-Haklari-Inisiyatifi-1720870914808523/
  • https://twitter.com/CerkesHaklari
Ziyaret Bilgileri
Aktif Ziyaretçi1
Bugün Toplam46
Toplam Ziyaret1046193
Döviz Bilgileri
AlışSatış
Dolar34.115934.2526
Euro37.625337.7760
Semerkew
Balkar Selçuk
selcuk@ozgurcerkes.com
Ди шабзэшэм и к1уэк1эр фигу ирихъэ?
09/07/2014

ДАХ-ми,  абы и 1уэху  щ1эк1эми,  куэдрэ дытепсэлъыхынукъым.  ДАХ-ыр езыр Урысейм и номенлатурэм щыщщ, щыщкъыми - Урысейм и номенлатурэ апаратчикщ. Урысейр зыхуейр  черкес лъэпкъым пашэхэр къыхуигъэувыныращ, аращ и 1уэхур. Езыхэри,  езыхэм я щытык1эри  ябзыщ1къым. "Дэ Путин дриунэ1утщ. Лъэпкъ гупсысэ зетхьэкъым, Урысей номэнклатурэм драпщыл1щ"- жа1эхэр.

Ауэ, ахэм нэхърэ нэхъ щынагъуэу, нэхъ дыхъуэсакъын зыхуейхэр модрейхэращ. Модрейхэр, къуэгъэнап1э  фочауэм ещхьхэр. Пэжым хущыт хуэдэу защ1ыу, ф1ым тет хуэдэу защ1ыу. Ауэ ,ухуэсакъыурэ уеплъмэ , ДАХ-м нэхърэ нэхъ губзыгъэу , абы нэхърэ нэхъ зэранхэу зы еплъык1э щы1эщ.

Хэхэсыр ямыгъэпсэлъэн, хэхэсыр ауэн ящ1ын, хэхэсым хуэщ1энэк1эн, хэхэсыр зырамыпэсыныр - псори ахэм я 1уэхущ.

Дэ зыгуэр жыт11эмэ, –"Уэлеи,  хэхэсрэ пэт мэпсалъэ!"- жа1э.

"Мыр мыпхуэду хъун щхьэк1э,  дауэрэ хъун?"- жыт11эмэ, "уэлеи хэхэсырэ пэт мэгупсысэ!"- жа1э.

"Дэ ды -хэхэсщи, ди унафэр Урысей Къаралыр щхьэ ищ1ын хъуей,

дэ ды -дэхэсщи , ДАХ сытк1э кытщхъэпэн хуей жып1эмэ,

-"Еплъыт мы хэхэс мыгъуэхэм ,хэхэсрэ пэт" ...жа1эри, ит1ани пагъув мис мы псалъэхэр:

(- АдэкIэ зыбогъазэри нэгъуэщI гуп гуэрхэр итщ утыкум, и Iэпэр хэт иIыгъми и къуагъым хэт къыкъуэтми умыщIэу, я лэжьыгъэхэм гурыщхъуэ щапхъэр гъунэжу къыщыплъагъу.
Ахэри зэпымыу мча’м мыр ищIащ мор ищIащ жаIэурэ, утыку илъ къуэншагъэхэм мыхъумыщIагъэхэм теуджыхьурэ езыр зыхуем дырашэлIэну иужь итхэщ
.

КIэщу жыпIэмэ, лъэныкъуитIыми зым адрем и къэншагъэр къигъэлъагъуэурэ езым я гупщысэкIэр захуэу "къытщагъэхъуну" иужь итхэщ. Пэжыр жысIэнщи мыхэм зыр щымыIэмэ адрери щыIэнукъым, тIури зыр зым и къуэншагъэм хуеныкъуэуращ утыкур яIыгъыфын папщIэ.

Ауэ псэуми къащыгъупщэр мыращ : Уи щIыб лъэпкъыр къыдэмытмэ, къепхьэжьа Iуэхур лъэпкъым къыбдимыIыгъмэ уздынэсын щыIэкъым.  

Дэ ди Iуэху дэкIынумэ, ди къару дыщыгугъыжу дэ езым зэфIэтхын хуещ, нэгъуэщIым къытхуищIэн щыIэкъым.Мыр нобэ къыдгурыIуауэ щытын хуещ дунейм къыщыхъу къыщыщIэмкIэ.  
Амэрикан политикэ мыхъумыщIэхэм дызынихьэсын зэрыщымыIэм хуэдэкъапсу, москва деубзэ дебзейкIэ абыи къытхуихьын щыIэкъым. Ди щхьэ  зэрыдгъэпудыжамкIэ дыкъэнэжынущ.

Сэ согугъэ иджыри сыт имыщIэми езым и лъэпкъым зыригъэщIурэ Адыгэ Iуэху зэзыхуэн цIыхухэр къытхэту, мы лъэпкъым апхуэдэ бынхэр иIэу.Утыку къыщихьапхъэм, захуэр щыжыIыпхъэм, москвам къезэгъыми западым къыхуагъэувами емыплъу, и лъэпкъым къезэгъыр ипэ иригъэщыфу. Aпхуэдэхэр щыIэу ялъагъумэ лъэпкъми къыдаIыгъынущ дэтхэнэ Iуэхури.[1])

 

Ищхъэм фызэджэ текстыр зытхар Бабыгу Ергун и ц1эу Хэкум эыгъэзэжахэм щыщ гуэрщ. Дэ -"Украинэ къэралыгъуэм,  черкес льэпкъым и щхьэ гэноцид къызэрырик1уар, ар зыщ1ари Урысеир зэрыарамк1э  мыбы 1э тевдзэ!"- зэрыжыт11ам папщ1э, Бабыг Ергун мыращ къыджи1ар: <-АдэкIэ зыбогъазэри нэгъуэщI гуп гуэрхэр итщ утыкум, и Iэпэр хэт иIыгъми и къуагъым хэт къыкъуэтми умыщIэу, >   Ауэ, дэ хэт и 1эпэр дубыдами , хэт ди гъусэ тщ1ами,  ахэм я ц1эхэр хэту тхылъ хуэттхащ Украинэм. Дызыхуер дыгъэгъуэти,  ирыреплъ,  хэт  дыригъусэмэ!

            Ит1анэ,  дэ ди 1уэхур махуэ псоми  ДАХ и 1уэху щ1эк1эм псалъэ хъуэддзыныракъым. Ауэ, ДАХ-м хэт дэтхэнэ нэрыбгэм хуэдэуи, дэри ды- черкесщи, дэ ДАХ-ми, езы КАФФЭД-ми ,тхэмадагъэр зэра1ыгъ щ1ык1эр, я 1уэху щ1эк1эр дигу ирихькъым.  Абы адэк1э, дэ ди деж т1ури Урысейм и апаратчикхэщ. Бабыг Ергун: <- Ахэри зэпымыу мча’м мыр ищIащ мор ищIащ жаIэурэ, утыку илъ къуэншагъэхэм мыхъумыщIагъэхэм теуджыхьурэ езыр зыхуем дырашэлIэну иужь итхэщ.>  ДАХ-ыр зыщ1ып1э иращ1ыл1эныракъым дэ дызыхуер. Дэ дызыхуейр 1уэху мыхъумыщ1э ирагъэк1уэк1ахэр зэрыдымыдэр едгъэлъэгъуныращ.

          Зыкъуэмрэ псэлъа нэужъ,  Бабыгу Ергун езым и губзыгъагъэр нэхъ къыхегъэщ, мы псалъэр етх: <-Ауэ псэуми къащыгъупщэр мыращ : Уи щIыб лъэпкъыр къыдэмытмэ, къепхьэжьа Iуэхур лъэпкъым къыбдимыIыгъмэ уздынэсын щыIэкъым.>   Хэт и щ1ыб хэт дэтми, лъэпкъыр хэт и гъусэ  хъунуми, ар Тхьэм  ещ1э,  ауэ дэ мыдэ зетхьэр популизм 1уэхъукъым.  "Лъэпкъыр дигъусэну п1эрэ?"- жыт1эу деплъыфынукъым. Ит1ани, дэ ди лъэпкъым и гъусэу 1уэху куэд утыку итлъхьэрэ пэт, езы Бабыгу Ергун ,абы щыгъуэ къытхэтын дэнэ къэна- дэ къыджимы1эжа  псалъэ дыдж  къанатэкъым.

         Дэ, Анкара къалэм митинг щедгъэк1уэк1ым,

         Дэ Истанбул къалэм митинг щедгъэк1уэк1ым,

Дэ Къайсэр къалэм митинг щедгъэк1уэк1ым,

Дэ Ахлат къалэм митинг щедгъэк1уэк1ым,

Мыхэм щыгъуэ сытыт  Бабыгу Ергун зыри щ1ыжимы1эр? Дэнэт ар здэщы1ар?

КАФФЭД и 1эпэр иубыдауэ, ДАХ и къуагъым дэтт. Иджыри  ахуэдабзэщ.  Ауэ ари пэжщ, ухэхэсмэ- сыт и лъэпкъ ? Дыхэхэс мыгъуэщ  дэ. Зи  напэр ди гъащ1эм дымылъэгъуа  ДАХ  и тхъэмадэ Хьэутирэ, ди зэхуэсхэм игъащ1эм къэмык1уэ КАФФЭД уимыгъусэмэ, сыт уи лъэпкъ!!?

Адэк1э- дэ дунейм ди закъуэ дытеткъым. Дэ черкесхэм нэмыщ1,  дунейм милярд бжыгъэ куэд хъуы ц1ыху, лъэпкъ тетщ. Адрей лъэпкъхэм уи проблэмэхэр хуэп11уэтэным сыт и лажъэр? Мис- журтхэм я щхьэ геноцид кърик1уати -дунейм тет къарал зыкъуом, "мы геноцидыр дэ къыдощтэ, нэмыцэхэр журт лъэпкъым геноцид иращ1ыл1ар додэ" - жа1ащ. Дэ, черкес лэпкъым и щхьэ къырик1уэ геноцидыр  Куржым  идамэ, Украинэм идэну щытмэ, сыт фэ мыбы фигу иримыхьыр? Фэ:<Дэ ди Iуэху дэкIынумэ, ди къару дыщыгугъыжу дэ езым зэфIэтхын хуещ, нэгъуэщIым къытхуищIэн щыIэкъым. Мыр нобэ къыдгурыIуауэ щытын хуещ дунейм къыщыхъу къыщыщIэмкIэ.>   жыво1э. мы псалъэхэр сыт жыт11эу дымыдэнрэ? Мис т1э утыкур. Черкес лъэпкъым и къарук1э геноцидыр Урысейм и Парламэнтым къыщихьыфрэ?

Хьэуэ.

Къихьыфыну?

Хьэуэ.

Ар дэнэ къэна !

Мис- Сирием щыщ черкесхэр Тыркум икъухьауэ дэсхэщ. Щхьэ иджыри  къэс  Хэкум  зы ц1ыху закъуэ къыхэмык1арэ, къэралым щыщу –"Мы ц1ыхухэр ди лъэпкъэгъущ, мыхэр щыпсэун хуейр Хэкуращ"- жи1эу, щхьэ къэмык1уэфарэ? Украинэм щыщ урысхэр Къэбэрдейм, Адыгэйм из зыщ1хэр-щхьэ къыхэк1ыу Тыркум икъухауэ дэт минипл1 хуэдиз черкесым и гугъу ямыщ1арэ?

Бабыгу ищхьэм щыжимы1эр, ик1эхэм дей же1эр:

<Амэрикан политикэ мыхъумыщIэхэм дызынихьэсын зэрыщымыIэм хуэдэкъапсу, москва деубзэ дебзейкIэ абыи къытхуихьын щыIэкъым. Ди щхьэ  зэрыдгъэпудыжамкIэ дыкъэнэжынущ.>   Флагъурэ Бабыгу Ергун и гупсысэр здынэсыр? Иджыри  къэс зи  гугъ имыщ1арэ пэт,  и гум имык1 псалъэр же1эр. <-Амэрикан политикэ мыхъумыщIэхэм дызынихьэсын зэрыщымыIэм хуэдэкъапсу, > Урысейм техуауэ жи1ахэр къыдгууро1уэр, ауэ дэнэ къик1ырэ мы Амэрикэ политикэ мыхъумыщ1эхэр? Хэт а политикэхэр зыгъэз1ащ1эр?

Хьэмэрэ Амэрикэра  черкесхэм геноцид езыщ1ыл1ар?

Хьэмэрэ Амэрикэра черкесхэр и Хэкум изыхуар?

Хьэмэрэ Амэрикэра  черкесхэр дзэшхуэк1э зы1ыгъыр?

Засс хуэдэ, Веляминов хуэдэ гэнэралхэри Амэрикэм щыщыу п1эрэ?

 

Бабыгу Ергун губзыгъэщ. ДАХ-м мыпхуэду пропагандэ игъэщ1эми ищ1ыфынутэкъым, ди ц1эр жимы1эу дэ тхуэдэхэр  Амэрикэ 1уэху зирагъэк1уэк1 хуэдэу  утыку ирилъхьэу, мохэр Урысейм епхамэ -мыхэри Амэрикэм и пэшэгъухэщ- жи1эу игъэлъагъуэу.

Дэ  апхуэдэхэм десащ. Зэм  Амэрикэм и пэшэгъу дащ1, зэм Куржым, зэм Тыркухэм  драгъусэщ, ауэ дэ зейк1 езыхэм хуэду черкес защ1э дыхъуфкъым, езыхэм я лъэпкъым щыщ дыхъуфкъым.:<- Сэ согугъэ иджыри сыт имыщIэми езым и лъэпкъым зыригъэщIурэ Адыгэ Iуэху зэзыхуэн цIыхухэр къытхэту, мы лъэпкъым апхуэдэ бынхэр иIэу.Утыку къыщихьапхъэм, захуэр щыжыIыпхъэм, москвам къезэгъыми западым къыхуагъэувами емыплъу, и лъэпкъым къезэгъыр ипэ иригъэщыфу. Aпхуэдэхэр щыIэу ялъагъумэ лъэпкъми къыдаIыгъынущ дэтхэнэ Iуэхури.>

Мыбы сыт жыт1эн? Пэжщ, лъэпкъым къыбда1ыгъынщ, шык1эпшынэ уеуэу утыку укъихьэмэ, Абдзэх зек1уэм и уэрэдым уеуэу угъмэ- уигъусэу зэгуэрхэри гъынщ, ауэ ди лъэпкъыр дэнэ фхьа? Мы ефщ1эр геносидщ- щыжып1эмэ, мис абы щыгъуэ, Ахъуэхъу  Андзор хуэдэу утыкум  укъинэнщ уи закъуэу...

Сытыми: ДАХ-м и гъуэгури, КАФФЭД-м и гъуэгури, абы адэк1э нэхъыбэ1уэу паупщ1ынухэщ.

Мы зэм ди шабзэшэм и к1уэк1эр фигу ирихъа?

Фигу иримыхьамэ къык1элъык1уэхэм феплъ!!

__________________________

1 http://www.aheku.org/news/policy/5875

2 http://www.cherkessia.net/galeri.php?gallery_id=8

3 http://www.marksist.org/haberler/3455-ikinci-cerkes-haklari-mitingi-yarin-istanbulda-gerceklesecek

4 http://www.youtube.com/watch?v=_P9vzSds9ak

5 http://www.ozgurcerkes.com/?Syf=18&Hbr=526204&/12-May%C4%B1s-Pazar-g%C3%BCn%C3%BC,-Bitlisin-Ahlat-il%C3%A7esinde-yerle%C5%9Fik-%C3%87erkeslerin-kat%C4%B1l%C4%B1mc%C4%B1-oldu%C4%9Fu-miting-ve-salon-toplant%C4%B1s%C4%B1yla-%C3%87erkeslerin-toplumsal-talepleri-dile-getirildi.

 



2946 kez okundu. Yazarlar

Yorumlar

Henüz yorum yapılmamış. İlk yorumu yapmak için tıklayın

Yazarın diğer yazıları

Нарт Лъэпщ и Нэгъуджэр Лъэпщ и Тепщэгъуэмрэ и Гъуэгуанэмрэ - II - 17/12/2016
уэ 1уэхур нахри гъэщ1эгъуэн зыщ1ыр Азтэкхэми Маяхэми ямейуэ, гъэ мин аджэ ипэ ящ1ауэ, ауэ зыщ1ари дымыщ1э мывэ гуэрхэм ящ1ы1уми Кецалкоатл и сурэтыр къагъуэтахэщ, ахэми нэгъуджэ 1улъу ик1ий жьак1э тету. Нэгъуджэр уеблэмэ оптикым и щ1эныгъэр пасэ лъэх
Нарт Лъэпщ и Тепщэгъуэмрэ и Гъуэгуанэмрэ - I - 01/12/2016
Гъэщ1эгъуэнращи нобэ къасыху Кассит-Урарту-Хьаттихэм я Тещупк1э зэджэ тхьэпэлъытэр ди Нарт Сосрыкъуэу щытам зыми гу лъитакъым. Касситхэм Тещуп псалъэм крагъэк1ир Жьыбгъэ Кьезгъэпщэ жи1у аращ.
УСЭНШЭУ ДЫКЪАНЭМЭ! - 09/10/2016
Ди хэку дахэр, си уорейда ПщIэ имыIэу дгъэкIуэдай, ДызгъэкIуэдам, си уорейда КIуэдыкIейри къыхукIуэ.
Bugün Ben Mutlu Bir İnsanım! - 02/06/2015
Keşke Çerkes halkının yoğun olarak yaşadığı diğer illerden de adaylarımız olabilseydi. Ama o da olacak yakında. Buna eminim. Bu adı geçen illerde adaylarımızın Çerkes halkı tarafından benimsendiğini görmek beni herşeyden çok mutlu ediyor.
Heredot Cevdet, Recep Tayip Erdoğan ve Ahmet Duvutoğlu! - 22/05/2015
Cumhurbaşkanımız Putin'in Ermeni Soykırımını resmen tanıyor olmasına, “Putin'e darıldım!” diyerek karşılık vermişti. Demek ki cidden çok darılmış olacak ki daha kendisine gelememiş.
Gerekeni Gerektiği Zaman Yapmak; Ya da Labedeslerin Kaderi! - 12/05/2015
2015 Genel seçimlerine 25 gün falan kaldı. Bahaneler ve gerçekler arasındaki birçok Çerkes bu seçimde ÇDP’nin bağımsız Çerkes adaylarını mı destekleyecek; yoksa en rasyonal bahanenin arkasına mı saklanacak.
Uzunyayla'nın Son Klasik Kuşağı Hareketleniyor - 01/05/2015
Kendi kişisel kurtuluşunu elde etmekle yetinmeyen, halkına geri dönen bir kuşak bu kuşak. Köy köy gezen, kendi insanına şehirlerde kasabalarda ve ilçelerde ulaşmaya çalışan bu insanlar birlikte başarabilmenin imkanlarını arıyorlar.
Kronik bir Aydın Hastalığı Olarak : Sözlük ve Alfabe -I- - 26/04/2015
Sözlük ve alfabe hazırlamak ve bunun üzerinden kendini gerçekleştirmek Tanzimat döneminden kalma bir aydın saplantısıdır
Boyunun Ölçüsünü Vermekten Korkmak! - 20/04/2015
Orta yere çıkmak, boyunun ölçüsünü vermek ve alınan ölçüyü de bilmek zorunda olduğumuz bir yerdeyiz artık. Yani artık eskisi gibi iktidar ya da muhalefet partisinde es kazara bir iki Çerkes milletvekili var diye bu işten sıyrılmak mümkün değil.
 Devamı
adigebze I-II
Nükte!

KISSADAN HİSSE

-Moğollar Buhara’yı kuşattıklarında, uzun süre şehri teslim alamadılar. Cengiz Han Buhara halkına bir haber gönderdi: Silahlarını bırakıp bize teslim olanlar güven içinde olacaklar, ama bize direnenlere asla eman vermeyeceğiz.

-Müslümanlar İki gurup oldu: Bir gurup; asla teslim olmayalım, ölürsek şehit, kalırsak Gazi olur, Şeref’imizle yaşarız dediler. Öbür gurup ise; kan dökülmesine sebep olmayalım, sulh iyidir, hem silah, hem de sayı olarak onlardan azız, gücümüz onlara yetmez, dediler ve teslim oldular.

-Cengiz Han, silah bırakanlara; teslim olmayanlara karşı bize yardımcı olun, galib geldiğimizde şehrin yönetimini size bırakalım dedi. Böylece İki müslüman gurup savaşmaya başladılar. Moğollar’ın da yardımı ile, teslim olanlar galib geldi. Savaştan sonra Cengiz Han teslim olanların silahlarının alınmasını ve kafalarının kesilmesini emretti. Sonra meşhur sözünü söyledi: “Eğer güvenilir olsalardı, bizim için kardeşleri ile savaşmazlardı. Kardeşlerine bunu yapanlar, yarın da bize yapar.”

 

Site İçi Arama

 

Google Site

 

Üyelik Girişi