• https://www.facebook.com/%C3%87erkes-Haklari-Inisiyatifi-1720870914808523/
  • https://twitter.com/CerkesHaklari
Ziyaret Bilgileri
Aktif Ziyaretçi4
Bugün Toplam651
Toplam Ziyaret1067946
Döviz Bilgileri
AlışSatış
Dolar34.837734.9773
Euro36.496036.6422
Semerkew
Balkar Selçuk
selcuk@ozgurcerkes.com
Уэрсэрыжь и бынхэ!
27/07/2014

Cи гугъэмк1э, нарт 1уэры1уатэм и едзыгъуэхэм къыхэщ нэрыбгэхэм щыщу нэхъ гъэщ1эгъуэныр нарт Уэрсэрыжъыращ.

Зыгуэрхэм деж нарт Сэтэнейращ нартхэм я анэри, нартхэм ящыщ нэхъ губзыгъэри. Ауэ ар пэжкъым. Уэрсэрыжъ и пащхьэ Сэтэней и гугъу пщ1ыныр емык1ущ -жызо1эр.

И чэзур къэсмэ, Сэтэней теухуауи дызэпсэлъэнщ.

Ауэ иджыпстук1э Уэрсэрыжьыращ зи гугъ тщ1ынур.

Япэрауэ, нарт Уэрсэрыжьыращ нартхэм я анэри, нартхэм ящыщ нэхъ губзыгъэри,нэхъ Iущыри.

Ет1уанэрауэ, нарт Уэрсэрыжь бын и1ащ . Абы и бынхэри сыт и лъэныкъуэк1и ц1ыхухэм ядэ1эпыкъуащ. Уэрсэрыжь и бынхэр Хьэрэмэ 1уащхьэм тетыгъуэ ягъуэту,дунейм щыщ ц1ыхухэм ядэ1эпыкъуу, сивилизасйон жыхуа1эр къазубла, абы сэбэп яхуэхъуа нартхэращ. Ахэр нарт Тхьэгъэлэдж, нарт Амыщ, нарт Мамыщ сымэхэращ.

Мыдэк1э, Сэтэней бын къилъхуакъым, къилъхуауэ жыхуа1эу щы1э бынхэми шэч телъхьэгъуейщ. Нарт Сосрыкъуэ Сэтэней и бынкъым, аращи -абы дытепсэлъыхьынукъым. Нарт Бадынокъуэ закъуэращ Сэтэней и бын закьуэри - ари нарт Джылахьстэн и шабзэшэм ил1ык1ащ. ( Языныкъуэхэми Сэтэней и шыпхъу Бырымбыху и къуэущ зэрыжа1эр Бэдынокъуэ, ауэ ар 1уэхукъым)

Ещанэрауэ, нартхэр нарт Уэрсэрыжъ яхэмыту зэхуэсхэтэкъым. Нарт Сэтэней нартхэм зэхагъэтыныр дэнэ къанэ,  нарт Хасэм къыдыхьэу нартхэм ар ядэртэкъым.

Мы зэмыщхьык1эхэр дгъэк1ыхьыфынущ. Ауэ нобэ дызэтепсэлъыхынур мифологиеракъым. К1уэ, нарт Уэрсэрыжьри, нарт Сэтэнейри,  нарт 1уэры1уатэм хэт ц1ыхубзхэр арауэ пэт, нарт лъэпкъым абыхэм и хущытык1эм и зэщхьэщык1ык1эми щхьэусыгъуэ гуэрхэр и1эн хуейщ.

Япэрауэ, нарт Уэрсэрыжь нартхэм и ипэрей щ1эблэм щыщщ. Ауэ нарт Сэтэней нартхэм я иужъырей щ1эблэм (Сосрыкьуэ-Бэдынокъуэ-Ашэмэз сымэхэ) щыщ гуэрхэм я янэщ.

Ет1уанэрауэ, нарт Уэрсэрыжь и бынхэращ дунейм вэн-сэн 1уэхугъуэхэр къазублар (Нарт Уэрсэрыж и кьуэ нарт Тхьэгъалэджыращ япэ хуы жылэр нартхэм езытар.) Гъубжэр зэращ1 щ1ык1эр нартхэм къезыгъэц1ыхуарик1 езы нарт Уэрсэрыжьыращ. Аращи, нартхэр вэн-сэн 1уэхум щыщ1адзэм, нарт Уэрсэрыжь жьы хьуауэ фызыжьт.

Мыдэк1э, нарт Сэтэней дунейм къыщытехьэм, нарт Уэрсэрыжь дунейм тетыжтэкъым.

Дэ мыбыхэм къыхэдгъэк1ыр мыращ. Тхыдэм зэрыхэтымк1э, дунейм тет ц1ыхухэр вэн-сэн 1уэхум щ1адзэу сивилизасйоным щыхыхьар  Исэ ипэ 3200 илъэсым иужъщ.

Аращи, ди еплъык1эм1к1э, нарт Уэрсэрыжь техуэ едзыгъуэхэр Исэ ипэ 3200 илъэсым и пэхэм топсэлъыхь, ик1и а зэманым ейщ. Сэтэней техуэ едзыгъуэхэри, Исэ ипэ 3200 илъэсхэм иужьщ  дунейм къыщытехьэр.

Ит1анэ езы Нарт 1уэры1уатэм зэритымк1э, нарт Уэрсэрыжьрэ нарт Сэтэнейрэ я зэхущытык1эр тепщэгъуэ лъэнык1уэк1и зэщхьэщок1. Тепщэгъуэм елъытауэ мыр жы1эпхьэщ: нарт Уэрсэрыжъ  анэ тепщэгъуэр (матриаркал) дунейм щызек1уа зэманхэм яейщи, нарт Сэтэней адэ тепщэгъуэр (патриаркал) дунейм щызек1уэу щыщ1идзэ зэманхэм яейщ. Аращи, ц1ыхугъэр анэ тепщэгъуэм тек1ыу, адэ тепщэгъуэм зэрызэрихъуэк1ым и щхьэусыгъуэр вэн-сэн 1уэхъугъэм зэрыщ1идзаращи,  дунейм тет лъэпкъхэр Исэ ипэ 3200 илъэсым иужъ,  вэн-сэн 1уэхугъуэм щидза иужьщ, адэ тепщэгъуэм щыхуэк1уэр.

Ц1ыхухэр адэ тепщэгъуэм шыхуэк1уэм щыгъуэ, ахэм я мифхэри адэ тепщэгъуэм хуэк1уэжауэ къыщ1эк1ынщ!

Дэ нобэ, ц1ыху лъэпкъхэм щыщу япэ вэн-сэн 1уэхугъуэр къаублауэ, япэ сивилизасйоныр утыку къизылъхьа лъэпкъыр зэры-шумэрхэм дыщыгъуазэщ. Шумэр лъэпкъыращ япэ вэн-сэн 1уэхур къэзублари, абы щыгъуэ шумэрхэри анэ тепщэгъуэм тек1ыу, адэ тепщэгъуэм хуэк1уэу щыщ1адзар.

Шумэрхэм я анэ тепщэгъуэ лъэхъэнэм, тепщэгъуэр зезыхьэр Тхьэ Бзылъхугъэ Анэ Гуащэ, НИНХУРСАГ зи ц1эр арат..

Аращи, дэ адыгэхэм ди нарт 1уэры1уатэм ит  Тхьэпэлъытэ Бзылъхугъэ Анэ Гуащэр нарт Уэрсэрыжьырати, Шумэрхэм ди нарт 1уэры1уатэм ит нарт Уэрсэрыжь и п1э иту  Тхьэ Бзылъхугъэу Анэ Гуащэ НИНХУРСАГ и ф1эщхъуныгъэр зэрахьэрт. Модэк1э, пасэрей Мысырхэри а анэтепщэгъуэ лъэхъэнэм и Тхьэ Бзылъхугъэ Анэ Гуащэм ф1ыуэ щыгъуазэхэти, абы ц1эуэ ХАТХОР-ыр ф1ащахэт.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Адыгэ  нарт 1уэры1уатэм  ит едзыгъуэхэм къыхэщ анэ тепщэгъуэ (матриаркэл) лъэхъэнэм тепщэгъуэр зы1ыгъыу, и ф1эщхъуныгъэу ц1ыхубэм и гум илъыр нарт Уэрсэрыжьырат. Мыхуэдабзэу  шумэрхэм я анэ тепщэгъуэм щыгъуэ Тхьэ Бзылъхугъэу Анэ Гуащэм и ц1эр НИНХУРСАГ-рат (Сэмэгум ит сурэтыр). Мыдэк1э дэ адыгэхэм нарт Уэрсэрыжък1э дызэджэ, Шумэрхэм я дей НИНХУРСАГ-ыр ц1эуэ зезыхэ Тхьэ Бзылъхугъэ Анэ Гуащэм пасэрей Мысырхэр ХАТХОР-к1э (ижьым ит сурэт) еджэхэрт.

 

                                            Ди Щапхьэу Уэрсэрыжь.

Ищхьэм тетхахэр абдеж къыренэ, чэзур къыщык1уэм, нарт 1уэры1уатэм теухуауэ псалъит1- щы щыжыт11энущи, ищхьэм тет псалъэр пэублэу къыренэ.

Мыбы- Тыркум, Истанбул ис адыгэ щ1алэгъуалэхэм нарт Уэрсэрыжьыр ф1ыуэ ялъагъу къыщ1эк1ынти,  езыхэм я тиятр гупым и ц1эу «Уэрсэрыжь» ф1ащахэщ.

Щ1алъэгъуалэхэм я 1уэху  утыку  щыралхьэм щыгъуэ, щапхьэр езыхэм я  лъапсэм к1элъы1эбэу къызэращтари хьарзынэщ.

Уэрсэрыжь зы щытык1э гъэщ1эгъуэн гуэри и1ауэ къыхощ абы теухуа едзыгъуэхэм. Едзыгъуэхэм зэритымк1э, нарт Уэрсэрыжь губгъуэм и закъуэ езыр езыру псалъэу итын ф1эк1а, адрей нартхэм 1эмал и1эу яхыхьэнутэкъым. Арати, нартхэм щыщ зэгуэр Уэрсэрыжь  епсалъэми, езы Уэрсэрыжь абы и упщ1эм жэуап иримытыу,езыр-езырыу  псалъэу дэтт- жи  1уэры1уатэм. Ауэ Уэрсэрыжь и гум епхат щы1эныгъэри,  Тхьэм и гури. Тхьэм зыгуэр нартхэм къаригъэщ1эныу хуеймэ,  ар Уэрсэрыжь и гум кьищ1эрт. Щы1эныгъэм зэгуэр зэхъуэк1а хъумэ, абы Уэрсэрыжь занщ1эу гу лъитэрт. Арати , Тхьэгурымагъуэт нарт Уэрсэрыжь. Махуэ псом и гур Тхьэм и гум епхауэ щытти, къэхъу-кьащ1эхэм и кьэхъу-къащ1эк1эхэм дихьэхьауэ, и закьуэу губгъэм итт.

Сэ Уэрсэрыжь и щытык1эм изогъэщхь, мазэ 23 лъандэрэ дэтхэнэ мазэм и 21 и махуэм Истанбул дэт Урысей Консолос унэм к1уэуэ:-Уэ ди адыгэ лъэпкъым геноцид зэрепщ1ыл1ар тщыгъупщакъым, ик1и  тщыгъупщэнукъым -жезы1эхэм я щытык1эр.

Мазэ 23 лъандэрэ ахэр, махуэр 21 щыхъум, Урысейм и Консолос  Истанбул дэт и унэм мак1уэхэр.

Нобэ хуабэщ -жамы1эу,

Нобэ щ1ы1эщ -жамы1эу,

Нобэ дыкуэдщ- жамы1эу,

Нобэ дымащ1эщ -жамы1эу,

Ахэм я жы1эр зы закьуэщ - Нобэ мазэм и 21-р  аращи, геноцидыр Урысейм игу кьэдгъэк1ыжынум и махуэщ!!!

Нэгъуэщ1хэм жа1эхэр  абыхэм яф1э1уэхукъым.

Хуабэм щыгъуи, щ1ы1эм щыгъуи, ахэр Истанбул дэт Урысей Консолос унэм мак1уэхэр, "нобэ мазэм и 21 –ращи, Урысейм дэ адыгэ лъэпкъым къыдищ1ыл1а геноцидыр  игу къэдгъэк1ыжынщ"- жа1эри !!!

Жылэр  илъэсым зэ,  21 накъыгъэ  мазэм зэхуэсымэ, мыхэр мазэ къэс а мазэм и 21 махуэм щызэхуосхэр.

Абыхэм  езыхэм ц1эуэ "ЧЕРКЕС ХУИТЫНЫГЪЭХЭМ  я ИНСИЯТИФ" зэф1ащахэми,

Сэ абыхэм "УЭРСЭРЫЖЬ и БЫНХЭ"  яжызо1э.


 

 

 

 

 

 Фотохэр

Мы мазэм и 21 махуэм Истанбул дэт Консолос унэм Черкесхэр ГЕНОЦИДЫР Урысейм игу къагъэк1ыжахэщ.



3020 kez okundu. Yazarlar

Yorumlar

Henüz yorum yapılmamış. İlk yorumu yapmak için tıklayın

Yazarın diğer yazıları

Нарт Лъэпщ и Нэгъуджэр Лъэпщ и Тепщэгъуэмрэ и Гъуэгуанэмрэ - II - 17/12/2016
уэ 1уэхур нахри гъэщ1эгъуэн зыщ1ыр Азтэкхэми Маяхэми ямейуэ, гъэ мин аджэ ипэ ящ1ауэ, ауэ зыщ1ари дымыщ1э мывэ гуэрхэм ящ1ы1уми Кецалкоатл и сурэтыр къагъуэтахэщ, ахэми нэгъуджэ 1улъу ик1ий жьак1э тету. Нэгъуджэр уеблэмэ оптикым и щ1эныгъэр пасэ лъэх
Нарт Лъэпщ и Тепщэгъуэмрэ и Гъуэгуанэмрэ - I - 01/12/2016
Гъэщ1эгъуэнращи нобэ къасыху Кассит-Урарту-Хьаттихэм я Тещупк1э зэджэ тхьэпэлъытэр ди Нарт Сосрыкъуэу щытам зыми гу лъитакъым. Касситхэм Тещуп псалъэм крагъэк1ир Жьыбгъэ Кьезгъэпщэ жи1у аращ.
УСЭНШЭУ ДЫКЪАНЭМЭ! - 09/10/2016
Ди хэку дахэр, си уорейда ПщIэ имыIэу дгъэкIуэдай, ДызгъэкIуэдам, си уорейда КIуэдыкIейри къыхукIуэ.
Bugün Ben Mutlu Bir İnsanım! - 02/06/2015
Keşke Çerkes halkının yoğun olarak yaşadığı diğer illerden de adaylarımız olabilseydi. Ama o da olacak yakında. Buna eminim. Bu adı geçen illerde adaylarımızın Çerkes halkı tarafından benimsendiğini görmek beni herşeyden çok mutlu ediyor.
Heredot Cevdet, Recep Tayip Erdoğan ve Ahmet Duvutoğlu! - 22/05/2015
Cumhurbaşkanımız Putin'in Ermeni Soykırımını resmen tanıyor olmasına, “Putin'e darıldım!” diyerek karşılık vermişti. Demek ki cidden çok darılmış olacak ki daha kendisine gelememiş.
Gerekeni Gerektiği Zaman Yapmak; Ya da Labedeslerin Kaderi! - 12/05/2015
2015 Genel seçimlerine 25 gün falan kaldı. Bahaneler ve gerçekler arasındaki birçok Çerkes bu seçimde ÇDP’nin bağımsız Çerkes adaylarını mı destekleyecek; yoksa en rasyonal bahanenin arkasına mı saklanacak.
Uzunyayla'nın Son Klasik Kuşağı Hareketleniyor - 01/05/2015
Kendi kişisel kurtuluşunu elde etmekle yetinmeyen, halkına geri dönen bir kuşak bu kuşak. Köy köy gezen, kendi insanına şehirlerde kasabalarda ve ilçelerde ulaşmaya çalışan bu insanlar birlikte başarabilmenin imkanlarını arıyorlar.
Kronik bir Aydın Hastalığı Olarak : Sözlük ve Alfabe -I- - 26/04/2015
Sözlük ve alfabe hazırlamak ve bunun üzerinden kendini gerçekleştirmek Tanzimat döneminden kalma bir aydın saplantısıdır
Boyunun Ölçüsünü Vermekten Korkmak! - 20/04/2015
Orta yere çıkmak, boyunun ölçüsünü vermek ve alınan ölçüyü de bilmek zorunda olduğumuz bir yerdeyiz artık. Yani artık eskisi gibi iktidar ya da muhalefet partisinde es kazara bir iki Çerkes milletvekili var diye bu işten sıyrılmak mümkün değil.
 Devamı
adigebze I-II
Nükte!

KISSADAN HİSSE

-Moğollar Buhara’yı kuşattıklarında, uzun süre şehri teslim alamadılar. Cengiz Han Buhara halkına bir haber gönderdi: Silahlarını bırakıp bize teslim olanlar güven içinde olacaklar, ama bize direnenlere asla eman vermeyeceğiz.

-Müslümanlar İki gurup oldu: Bir gurup; asla teslim olmayalım, ölürsek şehit, kalırsak Gazi olur, Şeref’imizle yaşarız dediler. Öbür gurup ise; kan dökülmesine sebep olmayalım, sulh iyidir, hem silah, hem de sayı olarak onlardan azız, gücümüz onlara yetmez, dediler ve teslim oldular.

-Cengiz Han, silah bırakanlara; teslim olmayanlara karşı bize yardımcı olun, galib geldiğimizde şehrin yönetimini size bırakalım dedi. Böylece İki müslüman gurup savaşmaya başladılar. Moğollar’ın da yardımı ile, teslim olanlar galib geldi. Savaştan sonra Cengiz Han teslim olanların silahlarının alınmasını ve kafalarının kesilmesini emretti. Sonra meşhur sözünü söyledi: “Eğer güvenilir olsalardı, bizim için kardeşleri ile savaşmazlardı. Kardeşlerine bunu yapanlar, yarın da bize yapar.”

 

Site İçi Arama

 

Google Site

 

Üyelik Girişi